-
1 беягъ
см. беигъэ.* Пщыгъэ, беягъым ухуэдзыхэу щIыбкIэ лъэбакъуи къыумыч! П. Б. -
2 гууэщIу
нареч. на спине, навзничь/ И гущIыIур дэгъэзеяуэ, щIыбкIэ телъу.ГууэщIу гъуэлъын. ГууэщIу джэлэн. -
3 еутIыпщхьэкIын
(иреутIыпщхьэкI) перех. гл. 1. бросить, кинуть что-л. в сторону или назад/ Зыгуэр бгъукIэ е щIыбкIэ едзэкIын.* ЩIалэм шым шхуэр трилъэфри хадэ щIыбымкIэ ириутIыпщхьэкIащ. Черк. фольк.2. переносное послать, направить кого-л. в какую-л. сторону/ Зыгуэр лъэныкъуэкIэ гъэкIуэн, утIыпщын. -
4 зэгъэкIуэтэкIын
(зрегъэкIуэтэкI) перех. гл. отодвинуть что-л. в сторону или назад/ УибгъукIэ е уи щIыбкIэ гъэкIуэтэн (уи пащхьэм итыр). -
5 зэдэIуэкIын
(зодэIуэкI) неперех. гл. прислушаться к раздающемуся сзади (голосу, звуку)/ Уи щIыбкIэ дэIуэн.* ДызэдэIуэкIым {си гъусэмрэ сэрэ} си щIыбымкIэ щызэхызох: -ИкъукIэ къуэфI игъэсащ БетIал. Хь. Хь. -
6 зэдзэкIын
I (зэредзэкI) перех. гл. см. зэгъэдзэкIын 2.Дунейр зэдзэкIын см. дуней. Псалъэр зэдзэкIын см. псалъэ.II (зэредзэкI) перех. гл. перевести что-л. ( с одного языка на другой)/ Зы бзэкIэ тхар е жыIар нэгъуэщIыбзэкIэ тхыжын е жыIэжын.* Берсей Умар урысыбзэкIэ, нэгъуэщIыбзэхэмкIэ тедза тхылъ зыбжанэ адыгэбзэкIэ зэридзэкIыу, адыгэ тхыдэм елэжьу щытащ. Iуащхь. Абы {Инал} жиIэр Къэзмай къущхьэбзэкIэ зэридзэкI хуэдэу зыгуэру жиIэрт, езым куэд зэрыщIигъур IупщIу. КI. А.III (зредзэкI) перех. гл. бросить, кинуть что-л. назад/ Уи щIыбкIэ зыгуэр дзын.IэлъэщI зэдзэкIын см. IэлъэщI. -
7 зэкIэлъекIуэкIын
(зэкIэлъокIуэкI) неперех. гл. обойти друг за другом что-л. (напр. лес, дом)/ Зым зыр и ужь иту зыгуэрым ибгъукIэ, и щIыбкIэ, и хъуреягъкIэ екIуэкIын.Мэлхэр джабэм зэкIэлъокIуэкI. -
8 зэпэщIэкIуэтын
(зэпэщIокIуэт) неперех. гл. отступить, отодвинуться друг от друга/ Зыр зым пэщIэкIэтын, зэбгъэдэкIуэтын, щIыбкIэ кIуатэурэ нэхъ зэпэжыжьэ хъун.* Лъэбакъуэ пщIищкIэ зэпэщIокIуэтри Бжьакъуэ уыныр Гызу зэрах {тIыхэм}. Ахъ. М. -
9 зэпикIуэтын
(зэпокIуэт) неперех. гл. 1. пятиться, отступать друг от друга/ ЩIыбкIэ зэхуикIуэтурэ нэхъ зэпэжыжьэ зызэхуэщIын.* ЗэпокIуэтри {Джэримэсрэ Дахэнагъуэрэ} зауэр зэхаублэ... ЗэблокI, зэпокIуэтыжри щIакIуэ кIапэ зырызым тоувэ. Акъ. З.2. переносное охладеть друг к другу/ Я зэхущытыкIэм зихъуэжын, зэбгъэдэкIуэтын, я гур зэхуэщIыIэ хъун.* ЩIалитIыр игъащIэм зэныбжьэгъуфIу къекIуэкIырт, ауэ икIэм зы Iуэхугъуэ гуэр я кум къыдэхъуэри зэпикIуэтащ. Iуащхь. -
10 зэхэпщэн
а) (зэхепщэ) перех. гл. 1. замесить, перемесить/ Зыр зым хэпщэн, пщыурэ зэхэгъэзэрыхьын.{Еджауэ унэхэр щащIым} ятIагъуэмрэ вэнвеймрэ зэхэзыпщар хэт? ЦIыхубзхэрщ. Т. Хь.б) (зэхэпщащ) неперех. гл. замеситься, быть замешенным/ Зэхэзэрыхьын, зэхэпща хъун.Жызум ухуей, хьэлывэ ухуей, форэ тхъурэкIэ зэхэпщауэ тхъурыжь уфIэфI? Яхэдэ, къыхэх.. псори пэрыхьэтщ. Ш. А. Жыраслъэн щхьэ щIыбкIэ телъати, ятIэмрэ лъымрэ хьэлэчу зэхацIэлат, и хьэзырыпсхэр лъы защIэт, удз гъуррэ ятIэрэ зэхэпщауэ и цейм кIэрылът. КI. А. -
11 зигъэщIеикIын
(зрегъэщIеикI) перех. гл. откинуться назад/ ЩIыбкIэ зегъэщIын.Шэнтым тетIысхьауэ зигъэщIеикIын. -
12 зызэгъэдзэкIын
(зызэрегъэдзэкI) перех. гл. перевернуться ( с живота на спину или наоборот)/ ЩIыбкIэ телъым гупэмкIэ, гупэкIэ телъым щIыбымкIэ зигъэзэн.Зи гущIыIу къыдэгъэзеяуэ щылъа Хьэлым зызэридзэкIащ. Лъэб. -
13 зыхэIубэн
(зыхеIубэ) перех. гл. лечь ничком/ Iубауэ гъуэлъын.Къалэм и щIыбкIэ щIым зыхаIубауэ цIыхуищэ хуэдиз.. щылъщ. Къэр. Хь. -
14 зыщхьэпрыдзын
(зыщхьэпредз) перех. гл. переворачиваться, кувыркаться/ Зэуэ зызэгъэдзэкIын; уи щхьэр уи щIагъыу зыгъэджэрэзын.Дыгъужь анэм бгъэр зытридзын зэрылъэмыкIынур щилъагъум, занщIэу щIыбкIэ техуэу зыщхьэпридзащ. У. Ан. Тыншыгъуэ зэригъуэтыжам иригуфIэурэ.. НатIэхум зыщхьэпридзащ. Т. Хь. -
15 икIуэтын
(йокIуэт) неперех. гл. 1. отступить, попятиться/ ЩIыбагъкIэ кIуэтэн.* Хъыджэбзыр икIуэтри, Саримэ жьантIэмкIэ дигъэхьащ. КI. А.2. отступить ( под напором врага)/ КъобгъэрыкIуэм упэщIэмытыфу, щIыбкIэ кIуэтэн.* Кърым хъанхэм къращIэкIа зауэм къыхэкIкIэ, Къэбэрдейр къуршыщхьэ дыдэм нэс икIуэтын хуей хъуащ. Н. Ш. -
16 кIэлъыкIуэтэн
(кIэлъокIуатэ) неперех. гл. 1. двигаться, подвигаться вслед за кем-чем-л./ Зыгуэрым и ужь иту хуэмурэ кIуэтэн.* Ар {лIыр} щIыбкIэ икIуэтащ, Ахьмэд кIэлъыкIуатэурэ абы и лъакъуэм теуващ. фольк.2. переносное провожать кого-л./ Зыгуэр егъэжьэн е егъэжьэжын.* Лэгъупэжьыр хьэщIэхэм псы икIыпIэм нэс якIэлъыкIуатэри къигъэзэжащ. фольк. -
17 кIэсын
(мэкIэс) неперех. гл. сесть позади кого-л. на лошадь/ Зыгуэрым и щIыбкIэ шым шэсын, тетIысхьэн.ЩIалэ цIыкIур шым кIэсащ. -
18 къэцIуун
(къоцIу) неперех. гл. заблестеть, засветиться (откуда-л. сюда)/ ЗыщIыпIэкIэ къыщынэхун, къыщыблэн, къилыдыкIын.* Жэналъкъы и щIыбкIэ къыдэкIыу асыхьэтым къитIысхьа фIэкIа умыщIэну, вагъуэхэр къэцIууащ. Хь. Хь. -
19 къыдэувэн
(къыдоувэ) неперех. гл. 1. стать где-л., за кем-чем-л., между кем-чем-л./ Зыгуэрым и щIыбкIэ, зэхуаку гуэрым дэту увын.* Бгырыс лIыкIуэхэр щызэхуэса гуэщым щIохьэ Ермоловри жьантIэм къыдоувэ. Ш. А.2. переносное выйти (напр. на улицу)/ Къыдыхьэн, къэкIухьын.Iэхъуэр жьыуэ уэрамым къыдэуващ. -
20 къуагъ
место, пространство за кем-чем-л., позади кого-чего-л./ Зыгуэрым и щIыбкIэ, адрей и лъэныкъуэмкIэ щыIэ щIыпIэ, къуэгъэнапIэ.* Бжэ къуагъ. Лу, шынауэ, нанэжьым и бостей къуагъым къуэтт. Iуащхь.Къуагъ щыщIын утаить что-л. от кого-л.
Страницы
- 1
- 2